Воскресенье, 28.04.2024, 21:24
Приветствую Вас Гость | RSS

Эрсаконская средняя школа 6+

Меню сайта
Статистика

Онлайн всего: 1
Гостей: 1
Пользователей: 0

Внеклассное мероприятие на тему; "Адыгэ шхыныгъуэхэр"

Темэр: Адыгэ шхыныгъуэхэр

Мурадхэр: еджак1уэхэм я лъэпкъ шхыныгъуэхэм теухуауэ ящ1эм хэгъэхъуэн; адыгэхэм я шхыныгъуэхэр зэхуэсыхьэсыжауэ тхылъу къыдэзыгъэк1ыжа Къубэтий Барис ягъэц1ыхун; адыгэ 1энэм ехьэл1а хабзэхэм щыгъэгъуэзэн.

Урокым зыхуеинухэр: компьютер, проектор, доска, тхылъхэр, сурэтхэр, адыгэ макъамэхэр.

И ек1уэк1ык1эр.

Япэ 1ыхьэ

1. Езыгъэк1уэк1ым: Нобэ дэ дытепсэлъыхьыну дыхуейщ адыгэ 1энэмрэ абы щызек1уэ хабзэмрэ, адыгэ шхыныгъуэхэмрэ абыхэм я сэбэпынагъэмрэ.   Ди зэ1ущ1эм къедгъэблэгъащ " Адыгэ шхыныгъуэхэр" зэхуэзыхьэсыжа, ар бзищк1э- адыгэбзэк1э, урысыбзэк1э, англызыбзэк1э, къыдэзыгъэк1а Къубатий Борис. Лъэпкъым и щ1ыхьыр зыл1 закъуэми къе1этыф зыхужа1эр Къубатий Борис хуэдэщ.

2. Едж. махъсымэ фалъэ и1ыгъыу хьэщ1эхэм захуегъазэ.

             Нобэ мы ди зэ1ущ1эр

                     Ялыхь угъурлы щ1ы.

                     Адыгэ хэкур вэгъ-зэгъ унагъуэрэ

                     Зэгъунэгъуит1ыр дызэхуэзэшу,

                     Мылъкуу ди1эр хэдгъахъуэу,

                     Хъуэхъур дибэу, дыбагъуэу,

                     Губгъуэу ди1эр бэвылъэу,

                     Ф1ыгъуэу ди1эр зэдэдгуэшу,

          Гукъеуэр зэдэтшэчу

          Ет1анэгъэ п1алъэм

          Тхьэм ф1ыгъуэк1э дынигъэс!

3. Адыгэхэм 1энэм шхыным теухуауэ псалъэжь куэдхэр ди1эщ. Абыхэм ящыщщ "1энэм шхын темылъмэ пхъэбгъужьщ"," Шхыным я нэхъыф1ри щынэхъ 1эф1ыр щ1эщыгъуэмэщ", "Шхэрей и узыншагъэк1и тхьэусыхэрейщ".

4. А  псалъэжьхэм дэ къыдгурагъа1уэ ди лъэпкъым и ерыскъымрэ 1энэмрэ хабзэ дахэ зэрак1эрылъыр. Псом хуэмыдэу ерыскъым и пщ1эр, абы лъытэныгъэшхуэу хуащ1ыр гъунэншэт дяпэ итахэм.

5. Ц1ыхум хуащ1 пщ1эм и инагъыр 1энэ къагъэувымк1э къыбгурагъэ1уэфырт зы псалъэ къыхэмык1ыу. Абы теухуауэ зы теплъэгъуэ ц1ык1у федгъэплъынщ.

(Инжыдж 1ус Къэсей-Хьэблэжьым щыщ Дзэгъэщтокъуэ Мэлыхъуэжь и къуэ нэхъыщ1э Ехье езэшыпауэ къыздэк1уэжым Тхьэстыкъуей къыщысым:

Ехье: Щхьэ сылъэпэрапэу ныжэбэ сыгъуэгурык1уэн хуей мы адыгэ къуажэшхуэм сыблэк1ыу, сезыхужьари сыт?.

Къуажэбгъум щыс унагъуэм ек1уэл1ащ,и шыр ф1эдзап1эм ф1идзэри хьэщ1эщым щ1ыхьэну пылъу ...

Фызыжьым: Еблагъэ, си щ1алэ, еблагъэ! Иджыпстук1э унагъуэм ц1ыхухъу искъыми , уи шыр уэ зыхуей 1угъащ1э, сэ иджыпсту 1энэ нэсхьынщ.

Ехье и шыр зыхуей хуегъазэри хьэщ1эщым щ1охьэ.

Фызыжьми  1энэ къегъэув, щ1алэм зрегъэтхьэщ1ри 1энэм егъэт1ыс, езыри бгъэдот1ысхьэ. Ехье шхэн щ1едзэ.Абы и нэ1ур золъэ, шхыныр ирекъух. Фызыжьыр Ехье еупщ1ын щ1едзэ.

- Дэнэ ущыщ, т1у?

-Къэсей-Хьэблэ, нанэ.

- Хэт урищ1алэ?

- Дзэгъэщтокъуэ Мэлыхъуэжь.

- Зэш дапщэ фыхъурэ ,т1у?

- Уей ,нанэ нобэр къыздэсым зэкъуэшипл1 дыхъуу щытам, ауэ си къуэшхэм сэ сахыумыбжэж.

-Сыту, сымыгъуэт?

-Уей, нанэ, сэ мы  шху гуащ1эмрэ мы п1астэ щ1ы1эмрэ сыкъемылыну.

-Анна, укъыстек1уэщ, си щ1алэ.

Ныуэжьым щ1алэр зэригъэунэхуну къихьахэр 1уихыжри езым гуэгушыхъушхуэр ф1ригъэгъэжащ. Ар хьэзыр хъуху ц1ыхухъухэри къэсыжащ ик1и щ1алэм и жэуапыр апхуэдизк1э ягу ирихьати, ныш хуамыук1ыуи яут1ыпщыжакъым.)

6. Бэвыр зи к1уап1эрэ 1эщыр, псэущхьэхэр, бзухэк1хэр,бдзэжьейхэр зи куэд Адыгэ Хэкум ерыскъыби имы1ауэ жып1э хъунтэкъым. Аддэ лъэхъэнэжь жыжьэм узэ1эбэк1ыжмэ, ди 1уэры1уатэми къыхощыж адыгэхэм шхын зэмыл1эужьыгъуэ куэд яупщэф1у, хэт къахуемыблэгъами ди лъэпкъ шхыныгъуэ 1эф1хэмк1э ягъэхьэщ1эфу зэрыщытар. Ауэ нэхъ хьэлэмэту абы хэлъыр шхыныр сэбэпу, къэуат щ1элъу зэрапщэф1ырт. Зэгъусэу зэдэпшхын хуей шхыныгъуэхэмрэ зэщ1ыгъуу пшхымэ зэраныгъэ узыншагъэм къыхуэзышэмрэ зэращ1эрт.

7. Уигу къэмык1ыжынк1э 1эмал и1экъым Андемыркъан и хъыбарыр. Ар сыт и лъэныкъуэк1и узыдэплъеин ц1ыхут. Андемыркъан зэи шхын лей ишхыртэкъым. Абы нэхъ и шхыныгъуэу щытар п1астэрэ лырэщ. Ара къыщ1эк1ынщ абы апхуэдиз къару щ1ыхэлъари. Зэрымыщ1эк1э щ1ым и пц1анап1эм ирашэу Андемыркъан щыхагъащ1эм

" Сэ фэ гъуамэхэр си гущ1ы1у физмыгъэплъэнк1э, Уащхъуэ Мыващхъуэ К1анэ" же1эри и сагъыдакъыр и пщэм пэщ1игъакъуэщ лъабэкъуэхъуу уври щыту и псэр хигъэк1ащ. Ар л1ыгъэншэми къарууншэми хуэмыщ1эн 1уэхугъуэщ.

8. Адыгэхэм шхыным хабзэ хуэк1элъызэрахьэу  зэрыщытари иджыри мы теплъэгъуэ к1эщ1ымк1э  фэдгъэлъэгъунщ.

(Къэзэнокъуэ Жэбагъы п1ащ1эу гъуэгуанэ тету и шэджагъуэ нэмэзыр блэк1ырти , хьэщ1эщ гуэрым еблагъэри нэмэз щищ1ащ.Нэмэзлыкъым къызэрытек1ыжу 1энэ къыхуагъэувати шхэщ, лэпсри трифыххьыжри:

 -1элъхьэмдурилэхь, Тхьэм фигъатхъэ, дывгъэтхъащ.-жи1ащ, ауэ абы зыри къыпадзыжакъым.

 Махуипл1 енк1э хьэщ1эщым исащ Жэбагъы. Зэм къахьар ет1уанэу къамыхьу ипэ махуэхэм ягъэхьэщ1ащ. Шхэгъуэр зэф1эк1ыхук1э Жэбагъы жи1э хабзэр жи1эрт, ауэ жэуап игъуэтыртэкъым.  Махуэ етхуанэм унэгуащэм гъунэгъу хъыджэбз ц1ык1ум елъэ1уащ:

-Ди хьэщ1э угъурсызыр къытф1инащи мы шей къарэр куэдщ абы и дежк1э. Хуэхьи ирегъэф!

Хъыджэбз ц1ык1ум 1энэр хьэщ1эм и пащхьэм  егъэуври езыр йок1уэтыж, нэмысыф1эу. Жэбагъы шей къарэр ирефри:

-1элъхьэмдурилэхь, Тхьэм фигъатхъэ, дывгъэтхъащ.

- Уи хьэлэлщ,дадэ.

Жабагъы къотэджыжри хъыджэбз ц1ык1ум и щхьэм 1э делъэ:

-Насыпыф1эшхуэ тхьэм уищ1,си хъыджэбз ц1ык1у. А псалъэ закъуэращ сэ тхьэмахуэ хъуауэ сыщ1ыщысыр.)

9. Аращ-т1э, ерыскъыр 1эф1и гуак1уи зыщ1ыр хабзэмрэ нэмысымрэщ.

10. Ди хьэщ1э лъап1эу Борис, дауэ уеплърэ тхуэхъумэну п1эрэ дэ, иджырей зэманым и щ1эблэм апхуэдизрэ адыгэм къадэгъуэгурык1уа шхыныгъуэхэр, абы ехьэл1а хабзэхэр. Иджыри зы упщ1э. Дэ зэрытщ1эмк1э, уэ иджыри тхылъ къыдэбгъэк1ыну уолэжь. сыт ар зытеухуар? Дапщэщ къыдэк1ыну дыпэплъэну?

Ет1уанэ 1ыхьэ.

1.Еджак1уэхэм ягъэхьэзыра шхыныгъуэр зэрагъэхьэзыра щ1ык1эр жа1эурэ къагъэлъагъуэ.

Темэр: Адыгэ шхыныгъуэхэр.

Ещанэ 1ыхьэ.

2.Адыгэ джэгук1э мы зэ1ущ1эр ухыпхъэщ.щанэ 1ыхьэ.

2.Адыгэ джэгук1э мы зэ1ущ1эр ухыпхъэщ.

Вход на сайт
Поиск
Календарь
«  Апрель 2024  »
ПнВтСрЧтПтСбВс
1234567
891011121314
15161718192021
22232425262728
2930

Copyright MyCorp © 2024
Сайт управляется системой uCoz